12+
Бабыгу Эргун и усыгъэр

Бесплатный фрагмент - Бабыгу Эргун и усыгъэр

Поэтическое творчество репатрианта Эргуна Бабуг

Объем: 58 бумажных стр.

Формат: epub, fb2, pdfRead, mobi

Подробнее
Бабыгу Эргун, Нальчик

АДЭ ХЭКУМ СЫНЭМЫСМЭ

Бабыгу Эргун и творчествэм теухуауэ


«Си акъыл къыэрихьэрэ хэкум си нэ къыхуикIыу сыпсэуащ. Пэжыр жысIэнумэ, дызыхэс лъэпкъымрэ дызэрыс щIыналъэмрэ зэи сащыщу зыхэсщIакъым. Мыр жысIэныр емыкIуми сщIэкъым, ауэ я гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэу, я гуауэр си гуауэу зэи къысщыхъуакъым. КIэщIу жыпIэмэ, сахэзэгъакъым, Iэмал зэрызгъуэтуи, си щхьэр къисхри си унэ къэзгъэзэжащ», — къыджиIат Бабыгу Эргун, университетым къедгъэблэгъауэ:

 Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Зауэм къикIыж хуэдэу ешауэ.

Илъэсищэрэ плIыщIрэ и ныбжьу,

ГъащIэм иригъэзэшауэ.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

И псалъэм хамэбзэ къыхэхуэу.

ЖиIэр къыбгурымыIуэж хъуарэ,

Хуэсакъ пэтми, къыжьэдэхуу.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Мыпхуэдиз илъэс нэужьым.

Мис и унэ къекIуэлIэжащ,

Тетурэ адэжь лъэужьым…


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Фи зэхуакум зэман кIыхь докI.

Ар уэ щIагъуэу къыпфIэмыIуэхуми,

А къэкIуэжар гъуэгу жыжьэ къокI.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Убыд и Iэпэри зэшэлIэж.

Зебгъапщэмэ адрей лъэпкъхэм,

Узыхуэныкъуэр уэри уощIэж.


Къигъэзэжащ уи къуэ кIуэдам,

Уэ къуэ ухуэныкъуэу щытмэ.

Лъэпкъхэм дахэкIуэдэжынущ,

Дызыхыхьэжу дызэкъуэмытмэ.

(Бабыгу Эргун,

Налшык, Мазае, 2007)

Бабыгу Эргун Сейфи и къуэр хэкум икIа Бабыгу Iэсхьэд и еплIанэ щIэблэу 1964 гъэм Тыркум щыIэ, БабыгуеижькIэ зэджэ къуажэм къыщалъхуащ. Бабыгу (тыркубзэкIэ Yıldız — вагъуэ) унагъуэцIэр зезыхьэ куэд а къэралым щопсэу, икIи ахэр зэунэкъуэщкъым.

УнагъуэцIэр тыркубзэкIэ хъуэжын хуей щIэхъуар иджыпсту куэдым яцIыху — адыгэцIэхэр, унагъуэцIэхэр, къуажэцIэхэр тыркубзэкIэ щрагъэхъуэж зэман Тыркум щыIащ. Ар къэралыгъуэм и политикэт —

уебэкъуэн, умыгъэзэщIэн ухуиттэкъым — абыкIэ зыри къоупщIтэкъым. Мы

Iуэхугъуэм къыпэкIуащ нобэкIэ хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым къызыхэкIамрэ къыздикIахэмрэ зэрамыщIэжыр. Эргун (Ахърэт нэху кърит) и IэщIагъэкIэ электрикт, электроникэм хуезыгъаджэ институтыр къиухат, и лэжьыгъэри а IэщIагъэм епхат.

Зэрысабийрэ адыгэр хамэ лъэпкъым зэрахэсыр, зэрахэкIуэдэжыр игу темыхуэу, ар фIэтхьэмыщкIагъуэшхуэу псэуащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ и гукъеуэхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэ тхыгъэкIэ къиIуэтэныр хабзэ хуэхъуауэ къэгъуэгурыкIуат.

Абы и тхыгъэхэр адыгэ журналхэм, газетхэм я мызакъуэу, Тыркум къыщыдэкI газетхэми журналхэми мызэ-мытIэу къытрадзащ. Эргун и усэ 80-м нэс тырку антологием хыхьащ. А усэхэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэри си доктор диссертацэм хэзгъэхьат, урысыбзэкIэ зэздзэкIри. Абы щыгъуэ гъунэгъуу дызэрыцIыхутэкъым, и тхыгъэхэм, и IуэхущIафэм мащIэу сыщыгъуазэу аркъудейт. Диссертацэм зы Iыхьэр хухэхат хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я гъащIэм, творчествэм, къаIэт темэхэм, я гурыгъ-гурыщIэхэм. Къэхутэныгъэми сэбэпкIэ, хамэщI щыпсэу куэдым я зэфIэкIым сыщыгъуэзат. Бабыгури абыхэм ящыщт.

Лъэпкъ антологием уи усыгъэр хагъэхьэныр усакIуэм и зэчийр здынэсыр къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхушхуэщ. Сытыт ахэр (усэхэр) нэхъыбэу зытеухуар жыпIэмэ, псом ипэ итщ хуитыныгъэ темэр — псалъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ образ хьэлэмэтхэр къигъэщIурэ усакIуэм къигъэлъэгъуащ а щытыкIэ лъагэр, лъапIэ дыдэр. «ЦIыхур насыпыфIэу псэунумэ, цIыхубэм хуитыныгъэ игъуэтын хуейщ» — мы гупсысэращ усакIуэм и творчествэ псом гухэлъ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Укъыздалъхуар хамэщIми, хэкужь зэрыуиIэр зыхэпщIэу, ар унапIэ пщIыжыныр уи гугъапIэу щытын хуейщ Эргун и тхыгъэхэм хуэдэ къэбгъэщIын папщIэ. Ар зэрыпсэуари апхуэдэущ — езым хузэфIэмыкIынрэ зэрыщымытрэ усыгъэкIэ къигъэлъэгъуакъым. СыусакIуэщ жиIэуи мыхьэнэшхуи зритыжакъым (мыхьэнэ езытар сэращ). Сыусэнщ жиIэу лейуэ къалэмыр къищтакъым, атIэ и гукъеуэ мащIэр, зэрыхъукIэ усэбзэкIэ къиIуэтауэ аркъудейщ — усэбзэр и анэдэлъхубзэу къыдэпсэлъауэ аращ.

АдэкIэ — зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, лъагъуныгъэ темэхэращ. Ахэри гъэщIэгъуэну къэIуэтащ. Эргун и творчествэ псом хуитыныгъэм бгъэдэту щыпхышат Хэкужьым ехьэлIа темэр — мы тIур и тхыгъэхэм щызэпыщIат — дуней псом текъухьа хъуа и лъэпкъыр хэкужьым къызэрыришэлIэжын, адыгагъэр, адыгэ хабзэр — ахэр къызыпкърыкIыж адыгэбзэр ящымыгъупщэжын къудей мыхъуу, куууэ зрагъэщIэн, я гупсысэкIэ, дуней тетыкIэ ящIын, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуаращ, нобэ и щытыкIэращ, и пщэдейращ. Хэкум къимыгъэзэжмэ, адыгэр зэрыкIуэдынум шэч къытрихьэжтэкъым усакIуэм: «Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу, Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ». Феплъыт:

Хуэм хуэмурэ уокIуэдыр, адыгэ щIалэ,

Хабзэр, бзыпхъэр пфIокIуэдыр, щIэхыу къэгъазэ.

Уи бзэ пщIэжкъым — тыркубзэр пфIыхэзэрыхьащ,

Уи хабзэм хамэ хабзэр пфIытезэрыхьащ.


Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,

Мыр зи бзэр дэращ, зи хабзэр дэращ.

Хэт нэхърэ дынэхъыкIэ, ди бзэ дымыщIэну?

Дэ ди хабзэр нэхъыкIэ, хабзэ дымыщIэну?


ТIэщIэкIынщ а псори, зэуэ тфIэкIуэдынщ,

Ди бзэр, хабзэр тфIэкIуэдмэ, дэри дыкIуэдынщ.

Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,

Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ.

(Бабыгу Эргун, «Къэгъазэ»)

Бабыгу Эргун, хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым ящхьу, адыгэбзэр езым зригъэщIэжат. И анэдэлъхубзэмкIи тхыгъэ кIэщIхэр, усэхэр итхт. Къалэныр зыгъэзэщIэн щыщымыIэм деж, уимыкъалэнри уи пщэм къыдохуэ жы хуаIэрати, Тырку къэралыгъуэм иджыри адыгэбзэр хуит имыщIауэ, Истамбыл дэт адыгэ хаситIым адыгэбзэ курс къыщызэIуихри, щIалэ гуп адыгэбзэм хуригъэджащ. Эргун мыегъэджакIуэми, езым нэхъыфI щи мыгъуэтым, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъуат. Тыркум иджыпсту щызэхэпхынщ Эргун-егъэджакIуэм теухуауэ хъыбар дахэ куэд. Абыхэм псоми зэтехуэу зы жаIэ — Эргун хабзэ дахэ, нэмыс хэлъу зэрыщытар, гъэсэныгъэ екIурэ лIыгъэрэ зэрыбгъэдэлъар. АбыкIэ фIыщIэр зейр къэзылъхуахэращ, дауикI. Ауэ уэ убгъэдэмылъыр цIыхум ептыфын? Сэ мыбыхэм я Iуэхум фIыуэ сыщыгъуазэщи, схужыIэнущ хасэхэм деж бзэрэ хабзэрэ щептыну икъукIэ зэрыгугъур. Мыхэр езыхэр зэмыфэгъу защIэу зэхэлъщ — ныбжькIи акъылкIи зэтемыхуэу, абыи къыщымынэу, хэт къэбэрдейуэ, хэти адыгейуэ, абы нэгъуэщI лъэпкъхэри къахэзэрыхьу. Абыхэм я егъэджэныр идея лъагэу уи щхьэм имылъмэ, сомрэ зэманрэ мы Iуэхум пхутегъэкIуэдэнукъым. Ауэ, Эргун и щабагъым, и гум и дахагъым, и лIыгъэм, и адыгагъэм — щIалэгъуалэр къыкIэлъыкIуэт.

ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар Хэкум къызэригъэзэжыным щIэхъуэпст. Зэ-тIэу Хэкум къакIуэурэ щыIащ, ауэ къэкIуэжыпэн къыщехъулIар 2006 гъэращ. Абы лъандэрэ Налшык щыпсэуащ. И IэщIагъэм теухуа лэжьапIэ къызэIуихри ехъулIэныгъэ иIэу дунейм ехыжыхун лэжьащ. И лэжьыгъэмкIэ адыгэ куэдым сэбэп яхуэхъуащ. Цıыхум сомкIэ зыщIэгъэкъуэныр и хьэлу щытащ. Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми ядэIэпыкъуащ. Тыркум къикIауэ, ди университетым щеджэ щIалэгъуалэм ящхьэщытащ.

Бабыгу Эргун унагъуэт. ЩIалитI къыщIэнащ Амырхъанрэ Батухъанрэ. Нэхъыжьыр университетым зы зэмакIэ щеджащ. Иужьым Истамбыл къыщиухыжащ.

Ковидыр Эргун къыщеуэлIам, и унагъуэр Истамбыл щыIэт. Езыр Налшык къэнат, лIыгъэм зригъэхьри. Узыр къызэриубыдар хэIущIыIу ищIакъым, Тырку гъуэгури зэIухатэкъым… Ауэ Эргун зыцIыхуу щытахэм, и ныбжьэгъуахэм ди гур догъэфI сытым дежи и нэ къызыхуикIа Хэкум зэрыщыщIалъхьэжамкIэ:

Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Уэшх тIэкIу къыстырипхъэрэ,

Жьым сабэр зыщIипхъэуэ.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Мазэр си уэздыгъэрэ,

Жэщ фIыцIэр си тепхъуэуэ.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Вагъуэ ижа фIэкI умыщIэу,

СхэкIуэтынущ мы гъащIэм.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Зэи сыщымыIа хуэдэу,

Сырахьэхынущ щIы лъащIэм.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

Си хэкум сакъыхэплъэну,

СыщыщIэфлъхьэ зы бжьэпэ и дей.


Сэ сылIэмэ

пщыхьэщхьэпэу сылIэнущ.

НэгъуэщI зы щIыпIэ сывмыхьу,

ЗанщIэу сефхьэлIэж Бабыгуей.

Эргун и усыгъэми, къытхуиIуэтэжа хъыбархэми къазэрыхэщымкIэ, хэку фIылъагъуныгъэр уIэгъэжь мыкIыжым хуэдэу къыздырахьэкI хамэщI щыпсэу адыгэхэм:

Адэ хэкум сынэмысу

Хамэ къэрал сыщылIэмэ,

Сыкъэзышам зэремыбгъэу,

Сызмышэжым сигу ебгъэнщ.


Сэ адыгэу зыслъытэжрэ

Хамэм сахэкIуэдэжмэ,

Адыгэу и хэку къинэжа

Си къуэшхэм ягу къызэбгъэнщ.

(Бабыгу Эргун,

«Адэ хэкум сынэмысмэ…»)

КъызэрыкIуэжынумрэ къыщыкIуэжынумрэ нэгъэсауэ ямыщIэми, куэдым Хэкужьым къызэрихьэжынур шэч хэмылъу яцIыхут. Хэкужь Iуэхур хьэкъыу зыхэлъу къалъхуахэращ Iэмал зэрагъуэту къекIуэлIэжар. Гугъуехь куэд хэтащ, иджыри зрихьэлIэ лъэпощхьэпор нэхъ мащIэ хъуакъым. Ауэ гугъуехьым хуэхьэзырт. Къыптрахами, къэбгъэнами, зэ пфIэкIуэда уи лъапсэжьыр тыншу къызэрыпIэрымыхьэжынур хьэкът. Ауэ я лъапсэжьыр тIысыпIэ ящIыжын мурадыр апхуэдизу инти, псоми пэщIэувэфт, мазэрэ дыгъэу уафэгум къыщепсти гугъэр ягъэнэхут, ягъэхуабэт.

ХамэщIым къыщалъхуа, езыр-езыру зи анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIэжа усакIуэм дежкIэ мыпхуэдэ усэр ехъулIэныгъэщ. Мы темэм — хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм елэжьын щыщIэздзам — 1990 гъэхэм — мыпхуэдэу адыгэбзэкIэ тхауэ усэ Iэрамэ зэгъусэу уи па — щхьэ къизылъхьэфын абыхэм яхэттэкъым. Апхуэдэр щыIэнкIи Iэмал иIэтэкъым. АтIэ, Тыркуми ди лъэпкъэгъухэр здэпсэу нэгъуэщI къэралхэми я анэдэлъхубзэр дэкъузат. Иджыпсту уагъэгуфIэу, усэбзэкIэ къаIуатэми, художественнэ тхыгъэ кIэщIми, адыгэбзэкIэ зыкъом матхэ.

Бабыгу Эргун и усэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зытеухуар сытым дежи зыгъэгулэзу щыта Iуэхугъуэращ — хэкуращ — абы и къэкIуэнуращ, нобэ зыхэт лъэпощхьэпохэращ.

«Бдзэжьейм и хъыбар» жиIэу Эргун усыгъэ иIэщ. Мы хъыбарыр гъыбзэ-уэрэду зэхэлъщ. И лъэпкъым и щхьэм кърикIуар, и псэм бэлыхьу телъар, зыщIэхъуэпсар, зыхэхуар, фIэкIуэда хуитыныгъэр — ар Алыхь Iэмыруи щIы, езым и хуэмыхуагъ, щIэныгъэншагъэуи жыIэ — хэт и зэранми, — ар иужькIэщ, ар етIуанэщ. Лъэпкъым и щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэшхуэр бдзэжьейм и образымкIэ усакIуэм къеIуатэ. Бдзэжьейр щытыкIэ бзаджэм ирегъэувэ — зыщыпсэу псым къыхедзри удзыпцIэм къытредзэ. А удзыпцIэр зи хъуэпсапIэ куэд щыIэу къыщIэкIынт, ауэ хэт ухуэупсами, бдзэжьейм удзыпцIэкIэ ухуэупсэныр псэзэпылъхьэпIэт.

Мы усэ-поэмэр а гупсысэм къигъэщIащи, феплъыт:

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Зы махуэ гуэр бдзэжьеящэм,

Псым зы бдзэжьей къыхидзат жи.

Ар зыщыпсэу псым къыхидзри,

УдзыпцIэм къытридзат жи.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Бдзэжьейр бампIэу зиукIыжу,

Къыздыхадза псымкIэ еIэт,

И пкъыр зэщIигъэундэрабжьэу,

Къызытехуа удзыр щIыIэт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


ЖиIэр сытми къыгурымыIуэу,

Лıыжьым зыгуэр къыжриIэт.

ЗэрыкIуэдым иригузавэу,

Бдзэжьейм гу къеуэшхуэ иIэт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Гужьеяуэ зиукIыжыхукIэ

И къарур нэхъри щIэкIырт,

Зыри иIэ къримыкIуэу,

ИщIэурэ и псэр IэщIэкIырт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Псым еплъмэ гъащIэр илъагъут,

ЯтIэм еплъмэ — лIэныгъэрт,

ЛIэрэ пэтми и гум къеуэрт,

ТхьэмыщкIагъэр, закъуэныгъэр.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Дыгъэри бжьэпэм къыдэкIауэ,

Иджы и пкъыр мафIэм исырт.

Езыр зылъэмыIэс псышхуэм,

Иджы бдзэжьей Iэджи щесырт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Ар игу къэкIыху бдзэжьей цIыкIур,

Псым нэсыну нэхъри еIэт.

Ижьэ уIам лъы къыжьдэжым,

Удзыр плъыжьыбзэу ириIэт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Бдзэжьеящэм зыфIимыгъэщIу,

НэгъуэщI къиубыдыну ещэрт.

Псэ зэрыхихыр ищIэ пэтми,

Бдзэжьей къиубыдурэ ищэрт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


ЗиукIыжыху псыр нэхъ гъунэгъу къэхъути,

Гъунэгъу хъухукIэ нэхъри еIэрт.

Псым и Iуфэм нэсыпати,

Абы хэхуэу лIэжамэ арт.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.


Бдзэжьейм псэ хэту зидзри,

Псэ хэмытыжу зыхидзэжащ.

И пкъы цIыкIур тхьэмпэм хуэдэу,

Псы щIыIум къытридзэжащ.


Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.

Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.

ИщхьэмкIэ къыхэдгъэщат зы темэ — хуитыныгъэм и уасэр — абы нэхъапэрэ нэхъ лъапIэрэ зэрыщымыIэр. Ар пфIэмыкIуэдауэ, и уасэр и кIэм нэс зыхэпщIэнукъым: «Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ. Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ», — жи усакIуэм.  Мис апхуэдэ къэIуэтэкIэкIэ ди нэгу къыщIигъэуващ усакIуэм хэхэс хъуа цIыхум и псэм щыщIэр, и щхьэр зыхэтар. Бдзэжьейри ауэ къызэрыгуэкIыу къигъуэта образкъым.

Хэхэс хъуа усакIуэхэм я тхыгъэхэм куэдрэ къыщагъэсэбэп псым, тенджызым епха метафорэ хьэлъэхэр. Деплъынти:

Тхьэрыкъуэ цIыкIу

Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

Сытым хуэдэ ухуитыныр?

Залымыгъэ къыплъэмыIэсу,

Улъатэу уэфэгум уитыныр?


Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

ГъащIэр сохь уэ сынохъуапсэу,

Сыту унасыпыфIэ дыдэ.

Уэри уопсэу…  Сэри сопсэу!


Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

КъакIуэ зэдгъэхъуэж гъащIэхэр.

Сэ зэзгъэщIэнщ хуитыныгъэр,

Уэри лъагъу сэ къызащIэхэр.


Тхьэрыкъуэ цIыкIу, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

Сыхъуащ фIэкIа щхьэлажьэ.

Уи гъащIэ хейр къызэптыну,

Уэ цIыкIуми сыт уи лажьэ.


ЖысIэр аращ, тхьэрыкъуэ цIыкIу,

Стырахащ сэ си дыгъэр.

КIыфI къыпщыхъунщ уи гъащIэ псор,

ПфIэкIуэдмэ хуитыныгъэр.

«Си хэку къызэрызгъэзэжрэ, си гур нэхъ тыншыжащ. Хамэ щIыналъэ щымыпсэуамищIэнукъым узытеувэ щIыр, узэфэ псыр, зи жьауэ ущIэс жыгыр игъащIэ лъандэрэ уи лъэпкъым ейуэ, ар зыхэпщIэу, абы уригушхуэу, уригуфIэу упсэуныр зэрынасыпышхуэр. Мыр, зэрыжысIащи, хамэ лъэпкъым щтэIэщтаблэу яхэмысам къыгурыIуэнукъым», — къажриIат Эргун си студентхэм, университетым къыщедгъэблэгъам.

Эргун и тхыгъэхэм, и усэхэм къазэрыхэщымкIэ, абы апхуэдизу насыпу къилъытэткъэкIуэжынри, хэкум къэсыжмэ псори зэфIэкIыу, гукъеуи гузэвэгъуи зыри щымыIэжыну къыфIэщIт. Ауэ къэкIуэжыным узыгъэгупсысэ Iуэхушхуэ хэлът. Тырку къэралыгъуэм — усакIуэр къыздикIыжа щIыналъэм — адыгэ къабзэу мелуанитIым нэс исщ — «… ахэр хокIуадэ, деплъурэ хокIуадэ. А Iуэхугъуэм си щхьэр сигъэIэткъым, си гум зыгъэпсэхугъуэ къриткъым. Дэ дылъэпкъ цIыкIущ, зауэ банэкIэ тфIэкIуэдын цIыхуи хамэ лъэпкъхэм яхэкIуэдэжыни диIэкъым — ахэр къешэлIэжын хуейщ. Мыр зы лэжьыгъэшхуэу къытпэщылъу къызолъытэ. Ахэр къешэлIэжа хъумэ, ди лъэпкъми дызыхэс къэралми къару игъуэтын фIэкIа зыкIи зэранкъым», — къыджиIат усакIуэм.

Мы гупсысэм хуэгъэзащ Эргун и усэ «Джэгу пэублэ ущие», «Адэ хэкум сынэмысмэ…», «Адыгэхэр хэкум йокIыр», «Сыт щыгъуэ?», «Сэ сылIэмэ», «Тхьэрыкъуэ цlыкlу», «Махуэ гуауэм и хъыбар», «Си гум дауэ изгъэхуфын?», «ФIыщIэ яхуэфщI», «ЛъэIу», «Хэт зи ягъэр?», нэ- гъуэщIхэри. Феплъыт:

Сыт щыгъуэ?

Мазэм зегъазэ…

Дыгъэм къегъазэ…

ЖыIэ, сыт щыгъуэ дэ дгъэзэжыну?

Уэсу къехуэхыр бахъэу йокIуэлIэжыр,

ЖыIэ, дэ сыт щыгъуэ декIуэлIэжыну?

МафIэм димысу, ди гур имысу, кхъэм дынэмысу

дынэсыжыну?

Бзэр тIэщIэмыкIыу, ди псэр хэмыкIыу,

Ди фэр темыкIыу дэ дыкIуэжыну?

Бесплатный фрагмент закончился.

Купите книгу, чтобы продолжить чтение.