0+
Дыгъэ унэ

Объем: 82 бумажных стр.

Формат: epub, fb2, pdfRead, mobi

Подробнее

ЩIыанэ

Бгы уардэжьхэм дыгъэр ф1онэ,

ЩIы гъунапкъэр къызэщIонэ,

Хьэуа къабзэр мэжьгъыру…

Псэр мэгушхуэ, гур зэфIонэ —

Инщ ЩIыанэм и къарур!

Нарт Уэрэд

Пщэдджыжьым,

Дыгъэр Iуащхьэм телъти,

Кхъуей плъыжь хъурей

Нанэ абы хузигъэхьащ.

Кхъуей плъыжь хъурейр

Дыгъэм ишхри

Уэгум иуващ.

Пщыхьэщхьэм,

Дыгъэр Iуащхьэм телъти,

Кхъуей плъыжь хъурей

Нанэ абы хузигъэхьащ.

Кхъуей плъыжь хъурейр

Дыгъэм ишхри,

Ешати, жеижащ.

Нанэрэ сэрэ

Ди нанэшхуэр сигу къэкIащ…

ХьэщIэу нанэ сыхуэкIуащ.

Нанэ гуфIэу къыспежьащ —

Игу сэ нанэ сыкъэкIащ…

IэплIэ хуэсщIри, къызгурыIуащ —

Дигухэр, тIуми, дэ зэпхащ!

Нанэ игу сыкъэкIмэ —

Си гум нанэ къокI,

Нанэ сигу къыщыкIкIэ —

Нанэ игу сыкъокI…

Дыгъэ

ПщэдджыжькIэ, пщэдджыжькIэ,

Сэ дыгъэр къысхуокIуэ.

Сэ дыгъэр къысхуокIуэ,

Щхьэгъубжэм къотIыркъ:

ТIыркъ-тIыркъ.

ТIыркъ-тIыркъ.

Мы махуэр, си дахэ,

ПхузощIыр уэ тыгъэ! —

КъызжеIэр сэ дыгъэм.

ИлъэсыщIэ

Дуней псор игъэщIэращIэу

ИлъэсыщIэр къокIуэ!

КъакIуэ, къакIуэ, ИлъэсыщIэ

Махуэ къэскIэ къакIуэ!

Бгъэ

ЗэщIотаджэ уардэ бгыжьхэр,

ЗэщIахуарзэ уафэр бгъэжьхэм,

Ауз псыхъуэр зэщIаплъыхь,

Я щэкIуапIэхэр къаплъыхь.

Зы бгъэ гупым къахэкIащ,

Ди щхьэщыгум къытехьащ.

— Ей, догуоу, — бгъэм Iэ худощIри,

Дыкъилъагъу абы къытфIощIри.

Ауэ дэ дыкъыримыдзэу,

ДамэшхуитIыр жьыбгъэм тридзэу,

Мыгузавэу бгъэжьым езыр

ЩIыху къызщIэуэ уафэ гъуэзыр.

Напэ къабзэкIэ

Напэ къабзэкIэ дунейм ухэплъэмэ:

Уафэри нэхъ лъагэщ,

Хьэуари нэхъ къабзэщ,

Дыгъэри нэхъ щабэщ,

Махуэри нэхъ дахэщ,

Уэри у нэхъ махуэщ!

Джэдумрэ Дзыгъуэмрэ

Дзыгъуэ цIыкIур къытхуокIуэ,

Лы гъур кIапэ едыгъу.

Лы гъур кIапэр здидыгъум

Джэдуужьыр къоуш.

Джэдуужьыр къоушри

Дзыгъуэ цIыкIур егъащтэ.

Дзыгъуэ цIыкIур егъащтэри

КIапэ гъурыр къытрехыж.

КIапэ гъурыр къытрехыжри,

Езым ешхыж!

Шэдым хэсщ

Хьэндыркъуакъуэхэм затхьэщIкъым —

Уэрэд жаIэри зэхэсщ.

Уэри, ТIытIэ, зомытхьэщI,

Адэ кIуэи шэдым хэс…

Шывакъэ

ХьэдэпщэмыIур

Шывакъэу жаIэ.

Шым сеупщIати —

Уэрамэщ, жи, вакъэр.

БзэгъафIэ

Уэ бзэгъафIэу Дыдукъуш,

КъыпхущыщIэр уэ къамышщ!

Иджыри зэ зыкъыспыпщIыжмэ —

Сэри уэ зыппысщIыжынщ!

Джэду-хьилэ

Ди джэдур хамэкIутIущ,

Хьилэ цIыкIур хуабжьу Iущщ.

КъакIуи кIуэжи блимыгъэкI,

КъэгъэпцIакIуэм зарешэкI.

ДжэдуубзэкIэ яжреIэ:

— ФыкъыщыкIуэкIэ фэ, кхъыIэ,

Дзыгъуэ цIыкIуи къыздысхуэфхь!

Бзэжьей

Къыхэплъри псым бдзэжьейр,

ИгъэщIэгъуащ, жи:

— Сыту цIыхухэр насыпыншэ, — жи.

— Ар сыт псэукIэ, — жи, —

Псым ухэмысу упсэуныр, — жи.

Дызэдэгъажэ

Псынэ цIыкIур мэпсалъэ

Нану цIыкIум йопсалъэ:

— НакIуэ, –жи, — нажэ,

Дызэдэгъажэ!

Сыт дыгъужьыр щIэкъугъыр?

Щхъуэжьу бзаджэнаджэр

Къугъыу жэщкIэ маджэ.

Щынэ цIыкIу ишхахэм

Игу ящIэгъужащи,

ЩIылъэр зэщIигъаIэу

Дыгъужьыжьыр магъ!

ХьэIуцыдз

— Сыт щIэкъугъыр,

Сыт щIэкъугъыр,

Сыт щIэкъугъыр

ХьэIуцыдзыр?

— Мэузри и дзэр!

Уэ Джэду

Уэ Джэду, гъунэгъурыпщ

Зиусхьэн, унагъуэм ипщ,

ЩабэрыкIуэ, щхьэзыфIэфI,

ШэпIапIур ишхын зыфIэфI,

Уэ удахэщ, уэ ухахуэщ!

Пыл зыгъащтэу дзыгъуэ жагъуэр

КъепхуэкIын къыпфIэщIкъэ игъуэу!

Уэс къос

Уэс къос, уэс къос,

Уэсу телъыр си пщэм къос!

Иджыри тIэкIу къесыжмэ,

СыщIигъэмбрыуэнущ!

Къуэжэхь

Мыгубжьмэ — фIэхъус!

Къэгубжьмэ –IэштIым!

Инышхуэр — пщышхуэ,

Игъусэр — пщыгъусэ,

Курытыр — дыжьын,

Бгъурытыр — къэгъапцIэ,

Нэхъ цIыкIур — пщы цIыкIу.

(Iэпхъуамбэшхуэ.

Iэпхъуамбапщэ.

Iэпхъуамбэ курыт.

IэпхъуамбапцIэ.

Iэпхъуамбэ цIыкIу IэхъуамбэжьакIэ)).

Бесплатный фрагмент закончился.

Купите книгу, чтобы продолжить чтение.