12+
Дуней хьэху

Объем: 94 бумажных стр.

Формат: epub, fb2, pdfRead, mobi

Подробнее

Дунейм и гъунэр

Дунейм и гъунэр псэк1э къэплъыхъуамэ

Сыт щыгъуи уи псэр ик1эм богъуэтыж.

Хэкуншэ уи щхьэр ауэ хъуамэ,

Темыт дунейм уэр щхьэк1э гупсэхуж.

Хотаджэ лъым пщэдджыжьк1э дыгъэ хамэр,

Лъы пц1ам ар хэлъу мы дунейм йохыж.

Псэхугъуэ тынш уи тхыц1эм къилъыхъуами,

Насыпу ябжыр жьауэ пхуэмыхъуж.

Мыхъуж узыншэ гъейшея уи Тхьэшхуэр,

Тхьэмпэ къек1урэххэм дыщэ щ1эмылъыж.

Жьынду псэхэххэр жэщк1э мэдыхьэшхыр,

Вагъуэ къэлыбхэм 1эф1 ящ1эмылъыж.

1эзэгъуэ-хущхьуэу ек1уу уэ уи бамп1эм

Дуней 1эф1ыгъуэм зы къыхэпхыжынт —

Уи къупшхьэ хужьхэр Хэкум и щ1ы ф1ыц1эм

Иплъхьэжмэ, тыншу уи псэр псэхужынт.

Бжьыхьэ

Мы си псэм бжьыхьэр пкъыуэ щ1эуващи,

Жэбза дунейм тэмакъыр ф1екъузык1.

Мо псым щ1элъ мывэр си нэм къыщ1эплъащи,

Къысф1ощ1 а мывэм сэ сызэхищ1ык1.

Гъэпщк1уп1э симы1эжу, уэхым ситщи,

Гурыгъур бгъафэм уэру къыдолъей.

Псэ зэхэщ1ык1ым тегъэщ1эн сищ1ащи,

Сэ гуры1уэгъуэр тк1ийуэ къызолей.

Нэ1уагъ игуэшу бжьыхьэр къек1урэхащи,

Дэсхын гу бамп1эр сэ схузэф1эмык1.

Щхьэзэкъуэныгъэр си псэм пкъырыхьащи —

Мо псым хэлъ мывэ псори къыщ1оплъык1.

Щхьэж и мывэжьыр псыхъуэм къыдоджык1ри,

Псым и уэрэду макъхэр зэхохьэж.

Щхьэзакъуэныгъэу щы1эр зы мэхъужри,

Тхьэзакъуэныгъэу уэгум ар йохьэж.

Адыгэ дунейр

Адыгэ дунейр мэкъутэжри

Уафэшхуэм зы хъуэск1 къыхэмыж.

Анэбзэр лъы пц1ауэ 1ум щожри

Ди лъэ1ухэр Тхьэм деж нэмысыж.

Къуаргъ-вындхэм гукъеуэ ягуэшри,

Щхьэж лъысу ибагъэ ятыж.

Къагъа1уэ дунейр, тхьэ тра1уэжри —

Фи Тхьэшхуэр дунейм темытыж.

Псэр Тхьэшхуэм и тхыпхъэу къыт1утщи,

Си ныбжьым сещ1ыж сэ 1энк1ун.

Дыпсоууэ уэгу лъащ1эм дыщ1этщи,

Дамашхьэр хузощ1 щ1эгъэкъуэн.

Дамащхьэр хуэдгъэщ1 щ1эгъэкъуэн!

Ныжэбэ

Ныжэбэ сепщ1ыхьащ зауэжьыр щымы1ауэ,

Лъыиф биижьхэр къыттемыбэнауэ,

Маф1эсым ди къуажэжьхэр имысауэ,

Л1ы бланэ хахуэхэр а зауэм имыхьауэ,

А зауэм хэк1уэдауэ хуар къелауэ,

Си лъэпкъым хуэкур ирамыгъэбгынауэ,

Адыгэ щ1ылъэр зэбгырамылъэфауэ,

Адыгэ уафэри мамыру къэнэжауэ,

Сабийхэр псэууэ тхъэжу къэтэджауэ,

Сабийхэм бын езым къащ1эхъуэжауэ,

Хьэзабу хъуар си лъэпкъым щхьэщык1ауэ,

Адыгэ хабзэм псори дыпыщ1ауэ,

Адыгэ хэкур ек1уу щ1эрэщ1ауэ…

Сыкъызэщыури нэпсхэр слъэщ1ыжащ.

Псэ 1эмалыншэ

Псэ 1эмалыншэм, нэф гупзешэу,

Ныбжь бзагуэ гъэрхэр къырешэк1,

Щ1ым къупщхьэ щ1элъхэр бзэ щ1эиншэу

Псынэпс уэгу щ1эплъхэм зрашэк1…

Мы дунеижьым хьэрыгъажэу

Зэман жаншархъыр къырехуэк1,

Дыгъэ ешар гъуэгурык1уэм ежьэу

Къухьэп1эм нэсмэ къызоплъэк1…

Псы къемыхахэм хуоплэр гугъэр,

Гъунапкъэм къуэлъым зеузэщ1,

Пщэдейр и плъап1эу къохьэр дыгъэр,

Дунейм и гъащ1эм махуэр хуощ1…

Тхьэм жи1эм, псэуэ нэху дыкъик1мэ,

Аргуэру дыгъэр къытпежьэнщ.

Псэ 1эмалыншэр п1эщ1эмык1мэ,

Аргуэру гъуэгум утришэнщ…

Гъуэгухэр

Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж,

Хьэзаб урамхэм к1уэц1рык1ыурэ.

Псэм и хъуахуэ гук1эр

Я тхыц1э гъурхэм ярылъурэ,

Жэщи махуи ямы1эу,

Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж.

Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж,

Щ1ылъэ занщ1эр ягъэхъурейурэ.

Нэпс ежэххэм

Гу пц1анэ лъэмыж тралъхьэурэ,

Мыпсэхужхэу,

Гъуэгухэр хэкужьым мэк1уэж.

Гъуэгухэр Хэкужьыр мэк1уэж.

Хэку гуф1ак1эм догъуалъхьэри гъуэгухэр,

Гъуэгуу хъуар зэхохьэж.

Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэж.

Гъуэгухэр Хэкужьым мэк1уэжри

Гъуэгурык1уэхэри йок1уэл1эж.

Адыгэ нып

Адыгэ ныпыр — адыгэ напэщ,

Тхьэри ди пашэщ, ди япэ итщ.

Адыгэ хэкур махуэм и хап1эщ,

Пэжым и ныбжьым адыгэр щ1этщ!

Ныпыр мэхуарзэ, псэр дохуэразэ,

Щхьэхуитыныгъэм гур иуэрсэрщ —

Вагъуэ пщык1ут1ыр ди гъащ1э гъуазэщ,

Шабзищ зэкъуэтхэр гуейм хуэхьэзырщ!

Къэдгъэзэжынущ

Къэдгъэзэжынущ.

Ди адэжь хэкум дыкъэк1уэжынущ.

Дыкъэк1уэжынущ.

Ди гук1э лъапсэри зэпытщ1эжынущ.

Ды1утэжынущ.

Адыгэ щ1ылъэм гу щытхуэжынущ.

Къэдгъэзэжынущ.

Щ1ыр зэгуэк1ами дызэпрык1ынущ.

Дыкъэк1уэжынущ.

Сыт къэмыхъуами къэдгъэзэжынущ.

Ды1уэтэжынущ.

Ди жьэгухэм маф1эри къэлыбыжынущ.

Къэдгъэзэжынущ.

Адыгэ уафэми щхьэщэ хуэтщ1ынущ.

Дыкъэк1уэжынущ.

Адыгэ щ1ылъэми 1эпл1э етхынущ.

Ды1уэтэжынущ.

Ди хэкум и псэр къы1уэхьэжынущ.

Къэдгъэзэжынущ.

Адыгэ хадэхэр къэгъэгъэжынущ.

Дыкъэк1уэжынущ.

Адыгэ щ1ылъэри щ1эрэщ1эжынущ.

Ды1уэтэжынущ.

Хэкум гу щытхуэурэ зыдгъэнщ1ыжынущ.

Къэдгъэзэжынущ!

Дыкъэк1уэжынущ!

Ды1уэтэжынущ!

Дыдей

Нанэ, нанэ, сабий гъы макъ зэхызох.

Жьыбгъэр мэвури аращ, нану, жей.

Нанэ, нанэ, ди куэбжэм хьэдагъэ къыдохьэ.

Ди хьэр мэкъугъри аращ, нану, жей.

Нанэ, нанэ, ди бжэм зыгуэрхэр къот1ыркъ.

Адыгэ гукъэк1 т1ысып1эншэр

Мэджадэриращ, нану, жей.

Нанэ, нанэ, си п1эщхьагъыр къауфэразыхь.

Лъэп1къ лъэпсэрыхым ихьахэр

Щ1эупщ1ак1уэ къэк1уахэщиращ.

Ахэр дыдейщ, нэну, жей.

Хьэдэ гъуэгу гъыбзэ

Анэшхуэ дыщэхэм я гур къигъык1ыурэ, уей,

1уэдыщэ пагэм и лъапсэр игъук1ти, рыуей.

Яхуэмыухыурэ л1ыгъэр адэжьхэми, уей,

Я гъащ1э мыгъуэри я1эщ1эухэт, рыуей.

Къуажэ исык1хэм я 1угъуэ ф1ыц1эжьхэми, уей,

Уафэшхуэ къащхъуэр вындыфэу ира1эт, рыуей.

Ц1ыхубз унэхъухэм нэпс-лъыпсу къапыжхэри, уей,

Хы ф1ыц1э фабгъуэм и тепхъуэ хуэхъунти, рыуей.

Сабий 1эхъуамбэу пщ1ырыпщ1 бзу дамэхэр, уей,

Анэ ял1ам и быдзышэм хущ1эджэт, рыуей.

Зи лъэ щ1эхуахэр дыгъужь хъужа хьэжьхэми, уей,

Я псэр хэмык1 щ1ык1э 1ус яхуэхъужти, рыуей.

Псэхэр гу1эгъуэк1э лъыфэу изы1эхэр, уей,

Ди кхъащхьэжь лъахэхэм къафэу щыуджхэт, рыуей.

Уафэ гуащ1эншэри дыгъэм ибгынэмэ, уей,

Гугъэ хэмылът аргурыж тэджыжынк1э, рыуей.

Дуней къутэжым хьэзабу къигъавэхэр, уей,

Лъэпкъ иракъухьым хуэхъужт и гъумылэ, рыуей.

Ажалу зиц1эри лъэпкъым и щауэти, уей,

Зи псэ зытахэм ц1ыху псэухэр щ1эфыгъуэт, рыуей.

Я псэр къагъанэурэ 1эбжьыб зэрызурэ, уей,

Хэку дыщэ лъап1эри ягъэкуэшыжти, рыуей.

Хэкуншэ ибэу дунейм къытенахэми, уей,

Нэпс ягъэжахэр тенджыз и пэлъытэти, рыуей.

Щхьэхутыныгъэм лъхуидийр щ1эзытахэми, уей,

Хэку 1эпкълъэкъыпхъэт я къумщхьэ нэху-хужьхэр, рыуей!

Щхьэнтэ яхуищ1и ди лъэпкъ гуауэ гуащ1эхэр, уей,

Биижь лъыифхэм я бынхэм ди Тхьэшхуэм, рыуей.

(1уэры1уатэм щыщ)

Гъуэтыж и шу зэшхэм жэщк1э уахъумэурэ, уей,

Шокъуэ, Къурэмбий, БийщIэс, ЩIэмыкI,

КIэсыж ижьырабгъумк1э, уей, ри,

Мэлыкъу, КъуапапцIэ, ЦIэрымыIу, МыIумыш,

ШуцIыкIу уи сэмэгумк1э, уей, ри,

Псэхъумэ хущхъуэу 1уащхьэмахуэ унысхудахти,

Псэтхьэ и маф1элыгъейм дызэхисыхьыурэ, уей,

Ди псэхэр игъэтк1ути,

Тлэпщ и к1ыщ уадэмк1э къыддэдэхащ1эурэ, уей,

Ди псэхэр зэхигъэжыхьти,

Гъуэтыж и шу зэшхэм уахъумэурэ, уей,

Шокъуэ, Къурэмбий, БийщIэс, ЩIэмыкI,

КIэсыж ижьырабгъумк1э, уей, ри,

Мэлыкъу, КъуапапцIэ, ЦIэрымыIу, МыIумыш,

ШуцIыкIу уи сэмэгумк1э, уей, ри,

Хьэуам урагъэуурэ 1уащхьэмахуэ укъырахьэхыжти,

Гъуэтыж и шу зэшхэм къыпхуэсакъыпэурэ, уей,

Ди унэжь ц1ык1ум укъысхуахьыжти,

Пщэджыжь дыгъэм дыпэджэурэ, уей,

Т1ур зы псэ хъуауэ дыкъэбэужт!

Мэлъатэ…

Мэлъатэ, мэлъатэ,

                     къырухэр мэлъатэ,

Къырухэм я гъыбзэм

                     уэфэгур ебзытэ,

Хэку махуэ ябгынэм

                     къыхуэнэ гукъанэм

Уафэгур требзык1ри

                     щ1ыр пц1анэу къегъанэ…

Мэлъатэ, мэлъатэ,

                     гукъеуэр я1уатэ,

Уар дамэк1э язри,

                     хьэрш жыжьэм холъатэ.

Я гъыбзэ гукъутэр

                     гум хуэшу хуолъадэ,

Ди плъэгъуэр ирахри

                     щ1ы нэзым док1уадэ…

Къырухэу ди псэгъухэм

                     ира1уэр ди гъыбзэр,

Лыджанэ къырухэм

                     ди гук1эр ягъабзэр.

Къытпэплъэ ди тхьэгъухэм

                     хуагуэшыр ди плъэгъуэр —

Я щ1ыбымк1э щапхъэу

                     къэлыбу уэгу лъагъуэр…

Псэбыдэ

Уэ щхьэхьыу дэнэ ужэрэ, Псэбыдэ?

Уи шыжьым и лъэр мывэ къуршхэм щ1ах.

Ихъухьыпэну ухуэмеймэ уи гур мывэ быдэ,

Адииху уи лъэгъуныгъэр щомыущэху…

Л1эныгъэм щхьэк1э махуэ къэси игъуэщ,

Ар щхьэк1э упсэуну нэхъри нэхъ игъуэжщ,

Щхьэхуиту упсэуныр икъук1э л1ыгъэщ,

Псэхуиту упсэуныр — нэхъри нэхъ л1ыгъэжщ.

Щ1ы ф1ыц1эм и ф1ыц1агъыр щхьэнтэ гъурми,

Псэ закъуэм и п1эщхьэгъыр нэхъри нэхъ гъурыжщ.

Щхьэзакъуэныгъэр къызэрапщыр и тк1иягъмэ,

Ф1ылъагъуныгъэр зэралытэр и лъэгагъщ.

Гурыщ1э щэхур мы1уэтамэ псэм и мыгъуэщ,

Уи лъагъуныгъэр бгъэлъэгъуэну мыемык1у,

Быущэхуфамэ уи гум илъыр, зык1э, л1ыгъэщ,

Бы1уэтэфэмэ ар — ар л1ыгъэм и гущ1ы1ущ!

Къик1э фадэр, ныбжьэгъу!

Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

Шыжьыр жьыгъэм игъэшми,

Шыбзым нэф1к1э хуоплъэк1.

Ныбжьыр йок1,

Ауэ псэм и щ1алэгъуэр имык1.

Къик1э фадэр, ныбжьэгъу!

Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

Къэдгъэгъэ1у уэрэджьу,

Жьы жъгъырур ирежьу,

Нэхур щыху,

Гуауэ гуащ1эр гъущ1ыху!

Къик1э фадэр, ныбжъэгъу!

Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

Бжьэм къигъахъуэ фадэжь.

Гъуар ф1эк1а мыгъэгъэж,

Л1ар мыгъыж,

Гъын зыух — мэгуф1эж.

Къик1э фадэр, ныбжъэгъу!

Сыту 1эф1 мы дунейр, си къуэшыжь!

Дыгъэр ди псэу къытхуопс,

Псынэм ди 1ур елъэс.

Хъуар блэк1ащ,

Къытпэщылъыр къэк1уэнщ,

Къик1э фадэр, ныбжьэгъу.

Насып хэт хуэмейр?

Насып сэ сыхуейщ:

Адыгэу дунейм сытету,

Си хэкур си лъахэу,

Си жьэгур си хьэкуу,

Си напэр си нэк1уу…

Насып сэ сыхуейщ:

Адыгэ дунейм сытету,

Пщэджыжьыр уэсэпсу,

Си махуэр дыгэпсу,

Си жэщыр вагъуэпсэу…

Насып сэ сыхуейщ:

Адыгэу дунейм сытету,

Си лъэпкъыр хэкупсэу,

Си быныр анэпсэу,

Анэбзэри я псэу…

Насып сэ сыхуейщ:

Адыгэу дунейм сытету,

Адыгэу дунейм сехыжу…

Сыкъытехьэжмэ дунейм зэгуэрым —

Адыгэ сыхъужу аргуэру!

Лъэмб

Уэс къабзэ къесам сэ

Лъэмб лъагъуэ хызошри,

Лъэмакъ кысщ1э1ук1ым

Къысф1ощ1 си1уэтэж.

Джэ макъыр 1ущащэу

Тэмакъым къо1ук1ри,

Жьы щ1ы1эр хуэмыхьу,

1у бахъэу мэтк1уж.

1ухуд сы1уплъащи,

Си гъащ1э блэк1ар сэ

Къысф1ощ1 жей пычыгъуэу —

Дунейр сыф1эчэнжщ.

Зэхэпхрэ, си Тхьэшхуэ?

Дуней уи 1энэшхуэм

Тызолъхьэ дыхьэшхыр —

Гушы1эм дызошхыр!

Щ1эдэ1ук1ыт

1

Щ1эдэ1ук1ыт:

Я1урылъщ адыгэбзэр жыг тхьэмпэхэм,

Мэуэршэр адыгэбзэк1э псынэхэр,

Мэбзэрабзэ гъэгъар адыгэбзэк1э,

Адыгэбзэк1э бзухэм уэрэдыр къыращ…

Я1урылъщ адыгэбзэр уэшх тк1уэпсхэм,

Мэуэршэр адыгэбзэк1э вагъуэхэр,

Псыкъелъэр къоп1энк1 адыгэбзэк1э,

Адыгэбзэк1э жьыбгъэм макъамэр къырещ…

Ахэр бзагуэ фымыщ1.

2

Щ1эдэ1ук1ыт:

Адыгэбзэк1э шыблэр къогъуагъуэри уэгум

Адыгэбзэр ягъаджэ къуршыжьхэм зэщыджу —

Хэку ибэр лъэпкъ ибэм зэщыджэурэ йоджэ,

Унагъуэ хъужыну и бынхэр хуреджэ!

Сэмбыр 1уащхьэ

Сэмбыр 1уащхьэм

Уд гуп щхъуэхьхэм

Зы ц1э гуэрэ щра1уащ.

Жэщ вынд щэхум

Жыг щиху къуэпсыр

Си щхьэгъубжэм къеу1уащ.

Уд гуп къафэм

Пщащэ дахэ,

Зыгуэр пэплъэу, къахэжащ.

Уафэ лъагэм

Нап1эзып1эм

Вагъуэ нэпсыр къыщ1эжащ.

Я зэхэплъэр

Яухауэ,

Я деж удхэр мэлъэтэж.

Пщащэр 1уащхьэм

Къытенауэ,

Гу хьэхуахэр елъытэж.

Мазэ напэм

Соплъэр гъуджэу,

Сэ сыхъуащи жэщмыжей.

Си псэ к1уасэм

Сык1элъыджэу,

Сэмбыр 1уащхьэм сыдожей.

Адыгэр зыхуэдэр

И макъыр жыг тхьэмпэщ адыгэм,

И дамэр лъэгап1эщ адыгэм,

И напэр дыгъап1эщ адыгэм,

Гуэпагъэр и щхьэнтэщ адыгэм.

Бесплатный фрагмент закончился.

Купите книгу, чтобы продолжить чтение.